Демократ Джэрмэн Республикэ
Демократ Джэрмэн Республикэ Deutsche Demokratische Republik социал республикэ | |||||||||
| |||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| |||||||||
Къэрал уэрэд Auferstanden aus Ruinen (джэр-бз. ШӀым къыхэкӀыжьа) | |||||||||
ДДжР Еуропэм и шӀыпӀэтхыпхъэм | |||||||||
Къалэнэхъышъхьэ | КъуэкӀыпӀэ Берлин | ||||||||
Къалэ нэхъ инхэр | Дрезден, Лейпциг | ||||||||
Бзэ(хэр) | джэрмэныбзэ | ||||||||
Ахъчэ зекӀуар | ДДжР-м и маркэ | ||||||||
И шӀыпӀэр | 108,333 км² | ||||||||
Джылэр | 16.77 млн. цӀыху (1989 гъэ) | ||||||||
ӀэнатӀэм и хабзэр | республикэ | ||||||||
ДДэР-м и Президент | |||||||||
- 1949 — 1960 | Вилгелм Пик | ||||||||
ДДжР-м и Къэрал хасэм и Тхьэмадэ | |||||||||
- 1960 — 1973 | Валтер Улбрихт | ||||||||
- 1973 — 1976 | Вилли Штоф | ||||||||
- 1976 — 1989 | Эрих Хонеккер | ||||||||
- 1989 | Эгон Кренц | ||||||||
- 1989 — 1990 | Манфред Герлах | ||||||||
|
Демократ Джэрмэр Республикэ (ДДжР, мы официалу цӀэ зэрихьар КъуэкӀыпӀэ Джэрмэн) — социал республикэ, советхэм оккупациэ яшъа Джэрмэным и шӀыпӀэм къыхэкӀауэ 1949 жэпуэгъуэм и 7. ФДжР-м дэкӀыгъу зэхохьэхэри 1990 жэпуэгъуэм и 3, кэралыр мэкӀуэд.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Джэрмэныр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм и къэру къымыхьа яуж Антихьитлер коалициэм хэта къэлалхэм оккупациэ шӀыпӀиплӀу ягуэча - советым я, америкэм я, британым я, фрэнджым я джоуэ. Апхуэдэ къабзу Джэрмэным и къалэ нэхъышъхьэ Берлинри ягуэча. ЯпэрейкӀэ Джэрмэныр зыуэ къгъэнэн ягугъэт, ауэ Зауэ шӀыӀэм яуж, зэгуэта къэралхэм зэпэубыдыныгъэ къахэкӀахэм къэралыр тӀууэ зэхэкӀа ФДжР-э ДДжР-э джоуэ.
Къэралым шъхьэщыувар Вилгелм Пик (1960 гъэм нэгъунэ). Варшавэ тхылъым и Организациэхэм хэту, Эконом дэӀэпыкъуэгъу Хасэм хэту ДДжР нэхъ здеплъэкӀыу зызтригъапсэтэр Совет Зэгуэтхэм.
1961 гъэм, КъуэхьэпӀэ Берлиным цӀыхухэр мыкӀуэсэн шъхьэкӀэ, зэгуэтхэм яӀыгъа лъэныкъуэм ихъуреягъкӀэ гъунапкъэ яшъыр, илъэс бжыгъэкӀэ Зауэ шӀыӀэм и символу хъуар яужым.
1973 гъэм ФДжР-мрэ ДДжР-мрэ тхылъ кӀатхэ, зэпылъынымрэ я гъунапкъэ зэмыхъуэкӀынымрэ. А гъэм ДДжР ЛъЗ-м хохьэ. ЯужкӀэ апхуэдэ тхылъхэри социал лагерым щыщ пэмыкӀ къэралхэми дэкӀыгъу кӀетхэ.
1980 гъэхэм я кӀэм къэралым экономикэ, политикэ кризисыр докӀуэ. 1989 гъэм Берлин гъунапкъэр зэхакъутэ. 1990гъэм ӀэнатӀашъхьэкӀэр ФДжР-м чэнджэшэгъу игъусу ирагъэкӀуэкӀыр, къэралыр зэхагъэхьэжьын шъхьэкӀэ. 1990 жэпуэгъуэм и 3 ДДжР къэрал хуэду кӀуэда ФДжР-м хэхьэри.
Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1949-1960 гъэхэм къэралым и президенту щытар - Вилгелм Пик. Дунем ехыжьа яуж президент пӀэр Ӏуахэ, къэралым и ӀэнатӀэ нэхъышъхьу хъуар Къэрал хасэ. Партиэ тхьэмадэр - Джэрмэным и Социал Партиэ Зэгуэт (ДжСПЗ). Партиэ тхьэмадэм пэмыкӀыу иджыри партиэ бжыгъэ щыӀа - Чыристэн-демократ зэгуэт (ЧДЗ), Джэрмэным и Либерал-демократ партиэ (ДжЛДП), Джэрмэным и Лъэпкъэгъу-демократ партиэ (ДжЛъДП),
Экономикэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ДэӀэпыкъуэгъуэ ин къэрал зэфӀэувэжьыным Совет Зэгуэтхэм хуашъат. ДДжР къэрал индустиэмкӀэ лъэшу щытт, абымкӀэ Еуропэм 6 пӀэр иӀыгъу. Экономикэр планкӀэ шъауэ щытт. Индустриэм и лэжыгъэхэр - машинэшъыгъэ, гъушӀлэжьыгъэ, химиэмрэ кӀэх лэжьыгъэмрэ, элекротекнологиэ, элетроникэ пэмыкӀхэр джоуэ. ДДЖр-м я псэукӀэр адрей къэрал соц. лагерым щыщхэм нэхъри нэхъыфӀу щытт.
Къэралыдзэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къэралыдзэм зэреджэтэр Лъэпкъ джылэ армиэ (ЛъДжА). 1987 гъэм и бжыгъэр 120 000 хъут. Къэралхэр зэхэхьэжьа яуж ЛъДжА-р ФДжР-м и къэралыдзэм хэмыхьу, хом-хомурэ зэхагъэкӀа, и текникэм и нэхъыбэр пэмыкӀ къэралхэм ираща.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- КЪУЭКӀЫПӀЭ ДЖЭРМЭНЫМ И МЕТАМОРФОЗХЭР. Шъэныгъэ-къэӀуэтэгъуэ проект сайт «Еуропэм и зэгъэшъэным»
- ДДжР: социализм зэфӀэувэныгъэ Улбрихт и лъэхъэнэм (1945—1971)
- ДДжР-м и Конституциэ Sovetika.ru дежь — сайт о Совет лъэхъэнэм ей
- 17. Juni 1953 Библиографиэ хъыбарылъэ лъэпкъэгъу литературэмкӀэ ( урысыбзэкӀэ тхауэ техьэпӀэ Ӏэмэ хэлъ).
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |