Кроу
Кроу | |
---|---|
зэрзэджэжьхэр: | Apsaalooke |
Лъэпкъпсом и бжыгъэр: | Мин 10 000 хуэдиз |
Здэпсохэр: | АШЗ-м: Биллингс, Хардин, Боузмен, Миссула, Албукерк, Денвер, Лоренс, Бисмарк, Спокейн, Сиэтл, Чикаго |
Бзэр: | кроубзэ, инджылыбзэ |
Диныр: | Лъэпкъ диныжъ |
Ӏыхьлы лъэпкъхэр: | Сиухэр |
Кроу Уикисурэтылъэм |
Кроу (зэрзэджэжхэр абсэрока иэ апсалокэ (apsáalooke əpsaːloːke) — индей лъэпкъ АШЗ щыпсоу. Яэреуэ яшӀыналъу щытар Йелустоным ипсыхъуэм, иджыпсту - резервым мэпсохэ Биллингс къалэм и гъунэгъу (Монтанэ штатым). Лъэпкъ Ӏаташъхьар Кроу-Эйдженсим дэт, Монтанэ штатым.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Лъэпкъ апсалокэм яцӀэр япэрем мы тэрэзу къызэрагъэкӀа хъуа "цӀыху-къуагъ" хуэду (абы инджылызхэм зэреджэхэри къыкӀа Crow - къуагъ). Тэрэзу зэбдзэкӀмэ псалъэм къыкӀыр "бзуушхуэм ибын"; апхуэду я лъэпкъ гъунэгъу хидатсахэр яджэт. Бзу шхуаӀар дунейм темытыжьу хъун, исурэт къаӀутэмкӀэ икӀапэр гуахъуэм хуэду щытт къанджэ-пэкъуафцӀэм иэ мэзкъанджэм ехьчу.
Япэреуэ еуропейхэм щыпэкӀэхуахэр 1743 гъэм, иджырей къалэ Хардиным ипэмыджыжьу (Монтанэ штатым) - Канадáм щыщ фрэнджху къыкӀэкӀахэ, зэкъуэш Ла Верандри, лъэпкъым цӀэ траӀуар beaux hommes, "цӀыху дахэ". Езы кроухэм (апсалокэхэм) еуропейхэм траӀуар baashchíile "цӀыху нэгъуэжь".
Шъэныгъэ-азэгъуэ гуэрэхэм кроухэмрэ хидатсахэмрэ я пэсырей шӀыналъэр Миссисипи къыздыкӀидзэм и ишъхъэрэ лъэныкъуэм Мннесотэм иэ Висконсиным; адрейхэм Уиннипегм Манитобе идежь. Яужым кроу-хидатсахэр куэчахэ Ишъхърэ ДакотомкӀэ, абдежьым кроухэр хидатсахэм яхокӀхэри къуэхьпӀэ лъэныкъуэмкӀэ йожьэхэ. Монтанэмрэ Уайомингымрэ идежь тӀыса нэуж лъэпкъыр "къушъхьа кроурэ" "псыхъуэ кроурэ" зэхокӀхэр.
ПсоукӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кроухэм я унэхэр - типи, домбеяфэхэмрэ чы гъумхэмрэ къыхэшъыкӀауэ. Кроухэр адрей лъэпкъхэм нэхъри нэхъ цӀэрыӀу щыт я типихэм я инагъымкӀэ. ИкӀуэцӀым ихъуреягъкӀэ уэншокхэр ираубгъуэт, икум нафӀэр иту, Ӏугъуэр типим ишъхьа гъуанэ иӀамкӀэ икӀт. Кроу унагъуэ куэдым иджыри къыздынэсым типихэм кӀэсу мэпсохэ, нэхъыбу куэчу псохэм.
Бзылъхугъэхэмрэ хулъхугъэхэмрэ я щыгъыныр зэшъхьащыкӀт. Бзылхугъэхэм я зэгъалъэхэр (бохцей) еуропейхэм яде къащэху шэкӀхэмкӀэ ядт иэ домбеяфэ, шъыхьыфэм къыхахт, шъыхьыдзэхэр траду. ЛъакъуэфӀэлъхьу мокасинхэмрэ лъей кӀэкӀ (леггин джоуэ) зэрахьат. Хулъхугъэхэм я щыгъыныр нэхъыбэм джанэ, лъей, плъэӀурыдз иэ шхэӀан, мокасин джоуэ зэфӀэлъа. Я шъхьацхэр кӀыхьу зэрахьар, зэзэмызэкӀэ шӀым нэсу, згуэрэхэр халъхьурэ ягъэдахэт.
Кроухэр адрей индей-лъэпкъ Ишъхърэ губгъуэм исахэм ялъытамэ нэхъ къуэлеуэ щытахэ шыхэмкӀэ. 1914 гъэм зэрыхъухэтэр мин 4, ауэ 1921 гъэм идежь миным нэсахэ, абы пэмыкӀыу куэду хьа яӀыгъа, адрей лъэпкъхэм ялъытамэ кроухэм хьал яшхтэкъым.
Лъэпкъыр къызхэкӀыр бзылъхугъэмкӀэ ялъытэт, абы пэмыкӀыу лӀым къыча нэуж ифызым иунэм кӀуэуэ кӀэтӀысхьажьт. Бзылъхугъэхэм лъэпкъым ӀанатӀэ куэд яӀат.
Здэпсохэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Джылу зэрыхъухэр мин 10. Здэпсохэр: Биллингс, Хардин, Боузмэн, Миссула, Албукерк, Денвер, Лоренс, Бисмарк, Спокейн, Сиэтл, Чикаго.