Jump to content

Щомыщ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Щомыщ
Щомыщ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
Лъэпкъ: Джэдухэ
Лъэпкъыгъуэ: Panthera
ЛӀэужъыгъуэ: Щомыщ
Латин цӀэр
Panthera pardus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
ПлъыжькӀэ къыхэгъэкӀар-здэпсоуахэр;
удзыфэху-макӀыу, зэрызурэ къыздэнахэр;
удзыфэкъуафӀцӀэ-нэхъ хъэрзыну здэпсо


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Щомыщ (лат-бз.: Panthera pardus, ур-бз.: Леопард, барс) — шъакӀуэ-псэушъхьа, шэрыпӀ, джэду лъэпкъым ящыщ (джэдуушхуэ-лъэпкъ Panthera-хэм яхэт плӀым изы)

XX-лъэхъэнэм дунейпсо Тхылъ Плъыжьым иратха, Урысейм Итхылъ Плъыжьым, абы пэмыкӀыу иджыри тхылъ бжыгъэхэм.

Щомыщыр псэушъхьа иныфӀу щыт; икӀыфэр кӀыхьу, къэрууфӀу щыту; ишъхьар хъуреуэ, икӀапэр кӀыхьу, лъакъуэхэр хуэкӀэкӀыу-къэрууфӀу, итхьакӀумэхэр инкъым, мы памцӀу, хъуреуэ щытхэ.

Я инагъыр куэду зэшъхьащокӀхэ, шӀыпӀэ здэпсохэм елъытауэ. Мэзхэм щыпсохэр нэхъ цӀыкӀу, псынкӀыу щыт губгъуэхэм щыпсохэм елъытамэ. Тауэ щымытми, поми я хъухэр бзыхэм нэхъри нэхъ ину щытхэ.

КӀыфэм икӀыхьагъыр (кӀапэр хэмыту) - см. 90 -190; кӀапэр - см. 60 - 110. Бзыхэм я хьэлъагъыр - кг. 40 - 65; хъухэм - кг. 60 - 80 (макӀыу кг. 100 фӀокӀыр). Хъухэм я лъэгагъыр см. 70 - 80; бзыхэм нэхъ я цӀыкӀу дыдэхэм я лъэгагъыр см. 45 щыфӀэмыкӀи мэхъу.

Я фэр Ӏуву, кӀэкӀыу щыт. ШӀымахуэм цыр нэхъри нэхъ Ӏув, кӀыхь мэхъур (КъуэкӀыпӀэ Джыжьэ щомыщым ицым икӀыхьагъыр см. 7 носыр). Цым ифэр лъэпкъхэм зэрзэшъхьащыкӀыр пшахъуафэм иэ псыфэм къыщыкӀэдзауэ гъуэплъ-гъуабджафэм нэгъунэ. Азиэ лъэныкъуэмкӀэ щыпсохэм яр нэхъ нэху щыт, къуэкӀыпӀэ джыжьэмкӀэ щыпсохэм яр нэхъ плъыжьыфу.

ИкӀыфэм: ибгъухэм, кӀыбым, лъакъуэхэм, кӀапэм, цӀыкӀу иэ иныфӀыу фӀыцӀэ хэпхъа. Африкэ щомыщхэм яхэр нэхъ цӀыкӀу щыт, азиэм щыпсохэм яхэр нэхъ ину.Ныбафэмрэ, лъакъуэкӀуэцӀ-лъэныкъуэхэмрэ хужьу щыт.

Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм щомыщ-къуафӀцӀэ кӀасу щопсохэ. Апхуэдэхэм яфэр псоуэ фӀыцӀу щыткъым счыгъуи фӀыуэ иэ тӀэкӀу къыхэщу фӀыцӀэ ифэм хэпхъахэр щыт. Я фэ фӀыцӀэр куэду къахуэшъхьапэ, мэздэгу здыкӀэсхэм хэгъуащу. Апхуэдэхэр нэхъыбу здэпсохэр Явэ хы тӀыгум. Щомыщ-къуафӀцӀэ чырыр гъуэжь щомыщчырхэмхэм ядэкӀыгъу бзы гъуэжьм къылъхуфыну. Я шэнкӀэ щомыщ-къуафӀцӀэхэр нэхь бзаджу щытхэ адрейхэм ялъытамэ.

Къагъэшъыр хуиту псохэм илъэс 10-11, арысэхэм илъэс 21 носыр.

Щомыщхэм шӀыпӀу здэпсом хуэдиз зы джэду лъэпкъ псокъым (унагъуэ джэдум щымыхъукӀэ).

Япэрейм здэпсоуахэр Африкэм инэхъыбэм (Сахара пшэхъуалъэм щымыхъукӀэ), Япэрей Азиэ, Къаукъаз, Пакистан, Индиэ, Китай, Индонезиэ; Явэ, Занзибар, Шри-Лáнка хы тӀыгухэр. Иджыпсу а къэбжэкӀахэм инэхъыбэм щомышъхэр щэӀажькъым (Марокко, Синай хы тӀыгуныкъуэ, Занзибар). Адрейхэм Ӏэуэ зэбгырыдзахэу, псэушъхьахэр зэпэджыжьу, зэпымылъыф-зэрмыгъуэтыфу щытхэ. Урысейм макӀыу Уссурий къэралым къэна, Ишъхъэрэ Къаукъазми къэнауэ мэгугъэхэ.

Африкэм джунглэхэм, курыт лъэныкъуэхэм щопсоу. Зыхэмыхьахэр пшахъуалъэ инхэмрэ, псыншэ губгъуэ лъэныкъуэхэмрэ.

Азиэм Амур ипсыхъуэм къыщыкӀэдзауэ, Индиэмрэ Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэмрэ якъушъхьа мэздэгухэм нэс щопсохэ. Абы пэмыкӀыу Азиэм ипшъэ-къуэхьапӀэм нэс Аравий хы тӀыгуныкъуэм, Джуртейм, Анатолий къушъхьахэм.

ЛъэпкъцӀыкӀу зэрзэхэкӀхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
  • Африкэ щомышъыр (Panthera pardus pardus), Африкэ
    • Panthera pardus melanotica
    • Panthera pardus nanopardus
    • Panthera pardus panthera
    • Panthera pardus suahelica
    • Panthera pardus antinorii
    • Panthera pardus reichenowi
    • Panthera pardus leopardus
    • Panthera pardus shortridgei
    • Panthera pardus ituriensis
    • Panthera pardus chui
    • Panthera pardus adersi
  • Индокитай щомышъыр (Panthera pardus delacouri), Индокитай
  • Явэ щомышъыр (Panthera pardus melas) Явэ
  • Индиэ щомышъыр (Panthera pardus fusca) Индиэ, Пакистаным ипшъэ-къуэкӀыпӀэр, Непал
    • Panthera pardus pernigra
    • Panthera pardus millardi
  • Цейлон щомышъыр (Panthera pardus kotiya) Шри-Лáнка
  • Ишъхъэрэкитай щомышъыр (Panthera pardus japonensis) Китай
  • КъуэкӀыпӀэ Джыжьэ щомышъыр (Panthera pardus orientalis') Урысейм икъуэкӀыпӀэ джыжьэ, Ишъхъэрэ Китай, Корей
  • Перс щомышъыр (Panthera pardus saxicolor) Япэрей Азиэ, Къаукъаз
    • Panthera pardus jarvisi
    • Panthera pardus ciscaucasica
    • Panthera pardus tulliana
    • Panthera pardus datbei
    • Panthera pardus sindica
  • Аравий щомышъыр (Panthera pardus nimr) Аравий хы тӀыгуныкъуэ