Ишхъэрэ Ӏэсетиэ
Республикэ Ищхъэрэ Ӏэсетиэ | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Ищхъэрэ Ӏэсетиэм и къэрал уэрэд» | |||||
Къалэ нэхъышъхьэ | Тэрч-къалэ | ||||
И инагъыр - Псори |
79-нэ 7987 км² | ||||
Джылэр - Псори |
68-нэ 700 858 цӀыху (2010) | ||||
ВРП - Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ |
57,9 млрд. руб. (2008) | ||||
Федерал куейхэр | Ищхъэрэ-Къаукъаз | ||||
Эконом куейхэр | Ищхъэрэ-Къаукъаз | ||||
Нэхъышъхьэбзэр | осетиныбзэ, урысыбзэ | ||||
Республикэм и тхьэмадэр | Мамсурхэ Теймураз | ||||
Премиер-министр | Николай Хлынцов | ||||
ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэм и тхьэмадэ | Хъабицэхэ Лариса | ||||
УФ-м и къэралым и кодыр | 15 | ||||
Зэманыгъуэр | MSK (UTC+3) | ||||
Ищхъэрэ Ӏэсетиэ Уикисурэтылъэм |
Республикэ Ищхъэрэ Ӏэсетиэ (ос-бз. Республикæ Цӕгат Ирыстон-Алани, урбз. Республика Северная Осетия-Алания) — Урысей Федерацэм хыхьэ республикэ. Къалэ нэхъышъхьэр Тэрч-къалэ.
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ищхъэрэ Ӏэсетиэр Ищхъэрэ Къаукъазым хэт и гъунапкъхэр: къуэхьэпӀэм — Къэбэрдей-Балъкъэрым Ӏохьэ, Ищхъэрэ — Ставропол къэралым, къуэкӀыпӀэм — Ингушымрэ Мычгышымрэ, ипшъэм — Курджымрэ ныкъуэ къэлъытэ Ипщэ Осетиэмрэ. Къэралым и шӀыпӀэр 7987 км² мэхъур.
ШӀыр — ишъхъэрэмкӀэ губгъу щыт, ипшъэмкӀэ — къуэкӀэбгыкӀэ. Хьэуар — курыт-континенту щыт, курыт температурэр щӀышылэм — −5° С, мэкъуауэгъуэм — +24° С, къэхыр — 400—500 мм гъэм.
Къэралым и шӀым сэбэпыгъуэ куэдхэр хэлъ — джэз, дыжьын, известняк, пэмыкӀхэр джоуэ.
Псы нэхъ инхэр — Тэрч, Фиагдон, Ардон, Гизелдон, Урыху.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Лъэхъэнэ курытхэм Ищхъэрэ Ӏэсетиэр къэрал Аланиэм хэхьэт. Монгол пхырыкӀыгъуэм яуж 1238—1239 гъэхэм Аланиэр къэрал хуэду хэкӀуэда, и джылэр къушъхьэхэм дэкӀахэ захъуму.
1774 гъэм Ӏэсетиэр Урысей империэм хохьэ. 1784 гъэм Дариял къуэм и гъунэгъу быдапӀэ Тэрч-къалэ халъхьэ, яужым Тэрч хэкум и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур.
Жэпуэгъуэ револуциэмрэ советхэм я ӀэнатӀэмрэ Ищхъэрэ Къаукъазым къыхьа яуж 1920 гъэм Ӏэсетиэр тӀууэ ягуэч — ишъхъэрэ лъэныкъуэр УСФСР-м къонэ, ипшъэрэ лъэныкъуэр Курджы ССР-м хохьэ. 1921—1924 гъэхэм Ищхъэрэ Ӏэсетиэр Къущхьэ АССР-м хэта. Къущхьэ АССР-ыр зэхагъэкӀа яуж, лъэпкъ автономиэхэр яшъу, Ищхъэрэ-Осетиэ автоном куей хъуа, 1936 гъэм Ищхъэрэ-Ӏэсетиэ АССР хъуа.
Къэралыгъуэ зауэшхуэм щыгъуэ, Ищхъэрэ Ӏэсетиэм и шӀыпӀэ нэхъыбэр джэрмэныдзэм оккупациэм иӀыгъа, Тэрч-къалэ и ӀухьэпӀэм идежь къыздагъэувэӀэфахэр.
Ингушхэмрэ Мышгычхэмрэ ирагъэкӀа яуж Ищхъэрэ Ӏэсетиэм Мышгыч-Ингушейм и хэку гуэрэхэр хуагъэкӀуа.
1990 гъэм Декларациэ къыдагъэкӀ къэрал хуитыныгъэм теухуауэ. РССЗ-р зэхэкӀа яуж, Ищхъэрэ Осетиэр Урысей Федерациэм къыхэна. 1992 гъэм Пригороднэ куейм зауэ къэжьа осетинхэмрэ ингушхэмрэ я шӀы зэпэубыдыгъэм къыхэкӀауэ. Абым и иухыгъэмкӀэ ингушхэм я нэхъыбэр Пригороднэ куейм дэкӀын хуэй хъуахэ.
2004 фокӀадэм и 1, еджэщ 1-ер Беслан къалэм террористхэм яубыда, сабыйхэмрэ, сабыйхэм я адэхэмрэ ядэкӀыгъу (псори нэрыбгэ 1128 хъууэ). Къагъэуахэмрэ урысыдзэхэм штурм ирагъэкӀуэкӀахэмрэ яуж анэмэтхэр къаутӀыпщыжьа, ауэ, нэрыбгэ 300-ым фӀэкӀыу хэкӀуэда, нэрыбгэ 700 уӀэгъэ хъуахэ.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Урысей къэралпсо джылэ бжыгъэ 2002 гъэм ирагъэкӀуэкӀамкӀэ, Ищхъэрэ Ӏэсетиэм джылу дэсыр 710275 цӀыху къыкӀэкӀа[1]. Лъэпкъ хэсхэр[2]:
Лъэпкъ | Бжыгъэр, цӀыху | % |
---|---|---|
Ӏэсетинхэр | 445,3 | 60,7 |
Урысхэр | 164,7 | 23,2 |
Ингучхэр | 25,4 | 5,0 |
Ермэлыхэр | 17,1 | 2,4 |
Къумукъухэр | 12,7 | 1,8 |
Курджыхэр | 10,8 | 1,5 |
Псори | 710275 | 100 |
Администрациэ гуэшыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]АдминистрациэкӀэ Ищхъэрэ Осетиэр куей 8 мэгуэч, зы къалэ республикэ ӀэнатӀэм кӀэту (Тэрч-къалэ). Куейхэр:
Хэкур: | Администрацэм и къалэр: | Администрациэ гуэшыгъуэм и шӀыпӀэтхыпхъэ |
---|---|---|
Алагир куей | Алагир | |
Ардон куей | Ардон | |
Дигора куей | Дигора | |
Ираф куей | Чикола | |
Кировскэ куей | Элхотово | |
Мэздэгу куей | Мэздэгу | |
Правобережнэ куей | Беслан | |
Пригороднэ куей | Октябрьское |
Гулъытыгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Официал сайт Ищхъэрэ Ӏэсетиэ къэралым и ӀэнатӀэпӀэшъхьэм (урыс.)
- Ищхъэрэ Ӏэсетиэ къэралым и зэмыхъуэкӀ Ӏутыгъуэ УФ-м и Президентым дежь (урыс.)
- Ӏэсетинхэмрэ я тхыдэмрэ (урыс.)
- Ӏэсетинхэм я тхыдэмрэ я културэмрэ (урыс.)
Къаукъаз |
|
---|---|
Урысей Федерациэм и хэкухэр | Адыгей • Дагъыстэн • Ингушей • Ишъхъэрэ Осетиэ • Краснодар край • Къэбэрдей-Балъкъэр • Къэрэшей-Шэрджэс • Мычгышей • Ставропол край |
Къэралхэр | Азэрбиджан (Нахичеван) • Ермэлы • Хъырцей (Аджариэ • Автоном Республикэ Азгъей) |
Дунейпсом къамылъыта къэралхэр | Азгъей • Ипшъэ Осетиэ • Къушъхьа-Карабах Республикэ |